
Iув псалъэм и антонимщ
- кIыр
- зэхэкIэжа
+ пIащIэ
- бэлацэ
Задание {{419}} ТЗ 160 Тема 5-0-0
благъэ псалъэм и антонимщ
- Iыхьлы
- гъунэгъу
- Iэулэд
+ жыжьэ
Задание {{420}} ТЗ 161 Тема 5-0-0
Антоним зэлъабжьэгъухэщ:
- ин – ц1ык1у
+ телъхьэн – щ1элъхьэн
- лъагэ - лъахъшэ
- тк1ий – лант1э
Задание {{421}} ТЗ 162 Тема 5-0-0
Зэмылъабжьэгъу антонимхэщ:
- зыгъэзэж - зымыгъэзэж
- нэщхъыф1э - нэщхъей
+ хьэлъэ – псынщ1э
Задание {{422}} ТЗ 163 Тема 5-0-0
Нэгъуэщ1ыбзэ псалъэхэм адыгэбзэм къыщагъэхъуа антонимхэщ:
- ипщэ - ищхъэрэ
- шыугъэ - мышыу
+ хьэлэл - хьэрэм
- гъэмахуэ – щ1ымахуэ
Задание {{423}} ТЗ 164 Тема 5-0-0
Антонимк1э уеджэ хъунущ:
+ мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэм
- мыхьэнэ зэхьэк1а зи1э псалъэхэм
- зи мыхьэнэр зэгъунэгъу псалъэхэм
- къэпсэлъык1эк1э зэщхьу, ауэ мыхьэнэк1э зэтемыхуэхэм
Задание {{424}} ТЗ 165 Тема 5-0-0
Синонимк1э зэджэр къыжы1эн:
- мыхьэнэ куэд зи1э псалъэхэм
- мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэм
+ мыхьэнэ зэгъунэгъу зи1э псалъэхэм
- мыхьэнэ зэпэжыжьэ зи1э псалъэхэм
Задание {{425}} ТЗ 166 Тема 5-0-0
Мы синоним зэхуэхъу псалъэхэм ящыщу литературэбзэм къыщагъэсэбэпкъым:
- хьэлу
- чыржын
+ хьэтыкъ
- мэжаджэ
Задание {{426}} ТЗ 167 Тема 5-0-0
Псалъэ зэгуэгъухэм щыщу мыр омофонщ:
- хьэ - хьэ
- джэ??ду - джэд?
- тутнакъэщ - лъэхъуэщ
+ сэтэней - Сэтэней
Задание {{427}} ТЗ 168 Тема 5-0-0
Псалъэ зэгуэгъухэм щыщу мыр омографщ:
- вагъуэ – вагъуэиж
+ джэ??ду - джэд?
- хужь - Хужь
- дзэ – дзэ
Раздел: Жьы хъуа псалъэхэмрэ псалъэщIэхэмрэ
Задание {{345}} ТЗ 169 Тема 6-0-0
ГъащIэм узыщримыхьэлIэж хьэпшыпхэм, къэхъукъащIэхэм я фIэщыгъэцIэ псалъэхэр
- неологизмщ
- архаизмщ
- диалектизм
+ историзмщ
Задание {{346}} ТЗ 170 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- нэмэз
+ сохъустэ
- лэу
- чо
Задание {{347}} ТЗ 171 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- куэтэн
- тачэ
- лэу
+ атэлыкъ
Задание {{348}} ТЗ 172 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
+ гуэншэрыкъ
- къащыкъ
- гъубжэ
- пшынэ
Задание {{349}} ТЗ 173 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- бзу
- тачэ
+ хъуп
- нэмэз
Задание {{350}} ТЗ 174 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- марыбз
- лэу
- тачэ
+ гуэбэнэч
Задание {{351}} ТЗ 175 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- куэтэн
+ бейгуэл
- пхъэIэщэ
- еджапIэ
Задание {{352}} ТЗ 176 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- марыбз
- лэу
+ щэнджатэ
- тачэ
Задание {{353}} ТЗ 177 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
+ пщы
- чо
- тачэ
- нэмэз
Задание {{354}} ТЗ 178 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
- тачэ
- лагъэ
- Iэгу
+ афэ
Задание {{355}} ТЗ 179 Тема 6-0-0
Мы псалъэр историзмщ
+ унэIут
- чо
- Iэгу
- лэджэн
Задание {{356}} ТЗ 180 Тема 6-0-0
Иджырей гъащIэм узыщрихьэлIэ хьэпшып, къэхъукъащIэхэм я фIэщыгъэцIэхэр къагъэлъагъуэ
- диалектизмхэм
- неологизмхэм
- историзмхэм
+ архаизмхэм
Задание {{357}} ТЗ 181 Тема 6-0-0
Мы псалъэр архаизмщ
- пщы
+ чо
- унэIут
- афэ
Задание {{358}} ТЗ 182 Тема 6-0-0
Мы псалъэр архаизмщ
- ерэч
- атэлыкъ
- нэмэз
+ лэу
Задание {{359}} ТЗ 183 Тема 6-0-0
Мы псалъэр архаизмщ
+ тачэ
- лъакъуэ
- атэлыкъ
- лъхукъэлI
Задание {{360}} ТЗ 184 Тема 6-0-0
Мы псалъэр архаизмщ
- пщы
- пхъэIэщэ
+ куэтэн
- хуэшысэ
Задание {{361}} ТЗ 185 Тема 6-0-0
Мы псалъэр архаизмщ
- сохъустэ
- гуимэ
- афэ
+ марыбз
Задание {{362}} ТЗ 186 Тема 6-0-0
Неологизмыр ар
- жьы хъуа псалъэхэрщ
+ псалъэщIэхэрщ
- диалектизмхэрщ
- жаргонизмхэрщ
Раздел: Жаргонизмхэр, полисимиер
Задание {{326}} ТЗ 187 Тема 7-0-0
Мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэ зыхэт псалъэжьщ:
+ ф1ыр мащ1эщ, 1ейр кудщ
- ф1ым и бзыхьэхуэ к1уэдыркъым
- ф1ы зыщ1э и пщ1э к1уэдкъым
Задание {{327}} ТЗ 188 Тема 7-0-0
Зи мыхьэнэр зэхьэк1ауэ къэгъэсэбэпа псалъэ хэтщ:
- гъэмахуэ дыгъэ, ц1ыху узыншэ, к1эт1ий нэф
- сабийр къэушащ, мэкъу дыгъэл, дыщэ сыхьэт
+ сабий дыгъэ, ц1ыху дыщэ, псалъэ узыншэ
- уэздыгъэнэф, уэлбанэ дыгъэ, псалъэ зэхэлъ
Задание {{328}} ТЗ 189 Тема 7-0-0
Дыщэ псалъэм и мыхьэнэр зэхьэк1ауэ къыщок1уэ:
- дыщэ къыщ1эхын
- дыщэ сыхьэт
+ ц1ыху дыщэ
- дыщэ пхъуантэ
- дыщэ идэн
Задание {{329}} ТЗ 190 Тема 7-0-0
Полисемия терминыр бзэщ1эныгъэм къегъэсэбэп мыпхуэдэ мыхьэнэ и1эу:
- мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэ
- мыхьэнэ зэгъунэгъу зи1э псалъэ
+ мыхьэнэ куэд зи1э псалъэ
- мыхьэнэ зэпэжыжьэ зи1э псалъэ
Задание {{330}} ТЗ 191 Тема 7-0-0
Зи мыхьэнэр зэхьэк1ауэ къэгъэсэбэпа псалъэ хэтщ:
- Гъэмахуэ дыгъэм тафэ бейр къызэщ1егъаплъэ.
- Дадэ мэкъу дыгъэл унэм къишэжащ.
+ Умыгузавэ, си нанэ дыщэ, л1ы ищ1ынщ уи къуэр 1эшт1ымым.
- Нанэ бжэщхьэ1ум къытеуващ, уэздыгъэнэф пыгъанар 1эщ1эту.
Задание {{331}} ТЗ 192 Тема 7-0-0
Дыщэ псалъэм и мыхьэнэр зэхьэк1ауэ къыщок1уэ:
- дыщэ къыщ1эхын
- дыщэ тхьэгъу
+ дадэ дыщэ
- дыщэ пхъуантэ
- дыщэ идэн
Задание {{332}} ТЗ 193 Тема 7-0-0
Мыхьэнэ куэд зи1э псалъэм йоджэ:
- антонимк1э
- омонимк1э
+ полисемияк1э
- фразеологизмк1э
Задание {{333}} ТЗ 194 Тема 7-0-0
Зы псалъэм мыхьэнэ куэд иIэным йоджэ
- синонимкIэ
- паронимкIэ
- антонимкIэ
+ полисимиекIэ
Задание {{334}} ТЗ 195 Тема 7-0-0
Социальнэ гуп гуэрхэм псэлъэкIэкIэ зыкъыгуагъэщхьэхукIын папщIэ къагъэсэбэп псалъэхэмрэ къэIуэтэныгъэхэмрэ
- диалектизмщ
- архаизмщ
+ жаргонизмщ
- неологизмщ
Задание {{335}} ТЗ 196 Тема 7-0-0
Стиль щхьэхуэхэм емыпха псалъэхэмкIэ бзэм къыщаIуатэ мыхьэнэхэр кърагъэлъэгъуэн папщIэ, къагъэсэбэп псалъэхэр
- архаизмщ
- историзмщ
- неологизмщ
+ арготизмщ
Задание {{336}} ТЗ 197 Тема 7-0-0
Шхын псалъэр жаргонкIэ къаIуатэ мыпхуэдэу
+ егъэмэрэкIуэхын
- щIэуэн
- гъэжьэн
- зы щэ еуэн
Задание {{337}} ТЗ 198 Тема 7-0-0
Экзаменыр хуэмытын мыхьэнэр иIэщ мы жаргонизмым
- къэсыжын
+ щIэуэн
- гъэхуэбэн
- исыкIын
Задание {{338}} ТЗ 199 Тема 7-0-0
Iуэхур зэIыхьэн, зэрыхуей хъункIэ Iэмал имыIэу иухын мыхьэнэр иIэщ мы псалъэм
- гъэлъеин
- гъэжьэн
- исыкIын
+ къэсыжын
Задание {{339}} ТЗ 200 Тема 7-0-0
ешхыдэн мыхьэнэ иIэкъым мы псалъэм
- гъэсысын
- гъэлъэн
+ щIэуэн
- гъэжьэн
Задание {{340}} ТЗ 201 Тема 7-0-0
Iулъхьэ, уасэ етын мыхьэнэ иIэщ мы псалъэм
- щIэуэн
- гъэжьэн
- зы щэ еуэн
+ гъэхуэбэн
Задание {{341}} ТЗ 202 Тема 7-0-0
угъурсыз мыхьэнэ иIэщ мы псалъэм
- хьэнэ хъун
+ блэ зэраукIа баш
- зы щэ еуэн
- игъэсыкIын
Задание {{342}} ТЗ 203 Тема 7-0-0
чэф игъуэтын мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп мы псалъэр
- хэпкIэн
- гъэмэрэкIуэн
- зы щэ еуэн
+ хьэнэ хъун
Задание {{343}} ТЗ 204 Тема 7-0-0
шхыдэн мыхьэнэ иIэу къагъэсэбэп мы жаргон псалъэр
+ сабэ дэпхъеин
- къыщхьэщылъэфын
- къыщхьэпридзын
- игъэсыкIын
Задание {{344}} ТЗ 205 Тема 7-0-0
ЦIыхум и IэщIагъэм ехьэлIауэ къигъэсэбэп псалъэхэр ар
- диалектизмхэщ
- жаргонизмхэщ
- неологизмщ
+ профессиональнэ лексикэщ
Раздел: НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэмрэ адыгэбзэм езым еиж лексикэмрэ
Задание {{442}} ТЗ 206 Тема 8-0-0
Нэгъуэщ1ыбзэм къыхэк1а псалъэхэм папщ1э жа1э:
- исконная лексика
- профессиональная лексика
+ заимствованная лексика
- терминологическая лексика
- диалектная лексика
Задание {{443}} ТЗ 207 Тема 8-0-0
Бзэм езым къигъэщ1ыжа псалъэхэм папщ1э жа1э:
- заимствованная лексика
- профессиональная лексика
+ исконная лексика
- терминологическая лексика
- диалектная лексика
Задание {{444}} ТЗ 208 Тема 8-0-0
«Исконная лексика» псалъэ зэпхар мыпхуэдэу къыбгуры1уэ хъунущ:
- 1эщ1агъэм епха псалъэхэр жи1эу
- псалъэ шэрыуэхэр жи1эу
- нэгъуэщ1ыбзэхэм щыщу бзэм къищта псалъэхэр жи1эу
+ езы бзэм къигъэщ1ыжа псалъэхэр жи1эу
Задание {{445}} ТЗ 209 Тема 8-0-0
«Заимствованная лексика» псалъэ зэпхар мыпхуэдэу къыбгуры1уэ хъунущ:
- 1эщ1агъэм епха псалъэхэр жи1эу
+ нэгъуэщ1ыбзэхэм щыщу бзэм къищта псалъэхэр жи1эу
- псалъэ шэрыуэхэр жи1эу
- езы бзэм къигъэщ1ыжа псалъэхэр жи1эу
Задание {{446}} ТЗ 210 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
- джаур
+ муслъымэн
- тынш
- хъарбыз
Задание {{447}} ТЗ 211 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
- алмэсты
- гуэбэн
- къэб
+ ажал
Задание {{448}} ТЗ 212 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
- къарэ
+ жэнэзы
- къэлэн
- жэгундэ
Задание {{449}} ТЗ 213 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
- анэ
- адакъэ
- бэлъто
+ акъыл
Задание {{450}} ТЗ 214 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
+ насып
- джырэфинэ
- куэзыр
- къаз
Задание {{451}} ТЗ 215 Тема 8-0-0
Хьэрыпыбзэ къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьащ мы псалъэр
- сэ
- бэзэр
- уанэ
+ нэмыс
Задание {{452}} ТЗ 216 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- нэ
- бэлъто
- муслъымэн
+ бэзэр
Задание {{453}} ТЗ 217 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- пэ
+ жэгундэ
- стIол
- жьэ
Задание {{454}} ТЗ 218 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- жэнэзы
- хьэлэл
- адэ
+ къэб
Задание {{455}} ТЗ 219 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- зэман
- уаз
+ къэдабэ
- борщ
Задание {{456}} ТЗ 220 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- фарз
- сабыр
- щхьэ
+ гуэгуш
Задание {{457}} ТЗ 221 Тема 8-0-0
Тыркубзэм щыщу бзэм къищта псалъэхэщ
- фарз
+ бабыщ
- щхьэ
- молэ
Задание {{458}} ТЗ 222 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
+ джырафинэ
- бэзэр
- жыхьэрмэ
- нэмэз
Задание {{459}} ТЗ 223 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
- жэгундэ
- щэкI
+ дыху
- жэнэт
Задание {{460}} ТЗ 224 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
+ бэлътоку
- ажал
- акъыл
- дин
Задание {{461}} ТЗ 225 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
- мэл
- гъубж
- хьэнцэ
+ бэлъто
Задание {{462}} ТЗ 226 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
+ машинэ
- унэ
- уанэ
- щхьэ
Задание {{463}} ТЗ 227 Тема 8-0-0
Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта псалъэщ
- лъакъуэ
- блыщхьэ
+ торт
- гъубж
Задание {{464}} ТЗ 228 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- союз е
- бэрэжьей, щэбэт
- мин, меллуан, миллиард
+ щхьэ цIэпапщIэхэр
Задание {{465}} ТЗ 229 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
+ зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэхэр
- мин, меллуан, миллиард
- бэрэжьей, щэбэт
- союз е
Задание {{466}} ТЗ 230 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- союз е
+ чэ, лъынтхуэ, натIэ, нэ, пэ
- мин, меллуан, миллиард
- бэрэжьей, щэбэт
Задание {{467}} ТЗ 231 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- щэбэт
- бэрэжьей
+ блыщхьэ, гъубж
- мин
Задание {{468}} ТЗ 232 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- меллуан
- е
- гъубж
+ мэрем
Задание {{469}} ТЗ 233 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- миллиард
+ махуэку
- е
- бэрэжьей
Задание {{470}} ТЗ 234 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэщ
- мин
- щэбэт
- бэрэжьей
+ тхьэмахуэ
Задание {{471}} ТЗ 235 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
+ ажал
- сэ
- зы
- мы
Задание {{472}} ТЗ 236 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- вы
- джэд
- анэ
+ бэрэжьей
Задание {{473}} ТЗ 237 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- хьэмэ
+ е
- щы
- щэ
Задание {{474}} ТЗ 238 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
+ щэбэт
- дэ
- ауэ
- тху
Задание {{475}} ТЗ 239 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- блы
- хы
- бгъу
+ мин
Задание {{476}} ТЗ 240 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- бзэгу
+ миллиард
- хулъэ
- нэгэгъу
Задание {{477}} ТЗ 241 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- джэдэщ
- уанэ
+ меллуан
- лъэпэд
Задание {{478}} ТЗ 242 Тема 8-0-0
Адыгэбзэм езым еиж псалъэкъым
- бэдж
- бжьэ
- уанэ
+ рамэ
Раздел: Стилистикэ
Задание {{479}} ТЗ 243 Тема 9-0-0
Бзэм и стилхэмрэ абыхэм я щытыкIэхэр къызыхэкI Iэмалхэмрэ едж
- орфографием
+ стилистикэм
- лексикэм
- орфоэпием
Задание {{480}} ТЗ 244 Тема 9-0-0
Книжнэ стилым хыхьэркъым
- научнэ стиль
- публицистическэ стиль
- офицальнэ- деловой стиль (Iуэху зэрызэрахьэ стиль)
- литературнэ-художественнэ стиль
+ къызэрыгуэкI псэлъэкIэр е нейтральнэ стилыр
Задание {{481}} ТЗ 245 Тема 9-0-0
Речым и жанр зэхуэмыдэхэу статьяр, монографиер, зэреджэ тхылъыр, рецензэр, аннотацэр, лекцэр, докладыр къыхагъэкI
+ научнэ стилым
- публицистическэ стилым
- офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
- литературнэ-художественнэ стилым
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
Задание {{482}} ТЗ 246 Тема 9-0-0
ЩIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэм кърикIуахэр къызэраIуатэ бзэм къыщагъэсэбэп
- публицистическэ стилым
- офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
- литературнэ-художественнэ стилым
+ научнэ стилым
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
Задание {{483}} ТЗ 247 Тема 9-0-0
Газет, радио, телевиденэм щыгъэува, щызекIуэ псалъэкIэхэм хэунэтIауэ щытщ
+ публицистическэ стилыр
- офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
- литературнэ-художественнэ стилыр
- научнэ стилыр
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилыр
Задание {{484}} ТЗ 248 Тема 9-0-0
Газет очеркхэр, репортажхэр, спортым теухуа комментариехэр, митингхэм, собранэхэм къыщыпсэлъэныгъэр хохьэр
- научнэ стилым
- офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
+ публицистическэ стилым
- литературнэ-художественнэ стилым
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
Задание {{485}} ТЗ 249 Тема 9-0-0
Деловой тхылъхэр зэрытха бзэр (заявление, автобиографие, нэгъуэщIхэри) хохьэ
- публицистическэ стилым
- научнэ стилым
+ офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
- литературнэ-художественнэ стилым
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
Задание {{486}} ТЗ 250 Тема 9-0-0
Зыгуэрым зыгуэркIэ зыхуигъэзэным е хуиIуэтэным хуэунэтIауэ щытщ
- публицистическэ стилыр
+ офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
- литературнэ-художественнэ стилыр
- научнэ стилыр
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилыр
Задание {{487}} ТЗ 251 Тема 9-0-0
Образ къэгъэщIахэр тхыгъэм къеджэхэмрэ къедаIуэхэмрэ я гурыгъу-гурыщIэхэмрэ гупсысэхэмрэ зэхригъэщIэныр и мурадщ
- публицистическэ стилым
- научнэ стилым
- офицальнэ- деловой стилым (Iуэху зэрызэрахьэ стилым)
+ литературнэ-художественнэ стилым
- къызэрыгуэкI псэлъэкIэм е нейтральнэ стилым
Задание {{488}} ТЗ 252 Тема 9-0-0
Махуэ къэс зыхэт гъащIэм къыщагъэсэбэп псэлъэкIэщ
- публицистическэ стилыр
- офицальнэ- деловой стилыр (Iуэху зэрызэрахьэ стилыр)
- литературнэ-художественнэ стилыр
- научнэ стилыр
+ къызэрыгуэкI псэлъэкIэр е нейтральнэ стилыр
Раздел: Адыгэхэм я фIэхъусхэр, абыхэм я мыхьэнэр
Задание {{304}} ТЗ 253 Тема 10-0-0
Зэманыр пщэдджыжьу зэхуэзамэ жаIэрт:
- Уи махуэ фIыуэ!
- ПщэддджыжьыфI тхьэм къуит!
- Уи пщэдджыжь фIы ухъуI!
+ Уи пщэддджыжь фIыуэ!
Задание {{305}} ТЗ 254 Тема 10-0-0
ВакIуэм щыбгъэдыхьам деж жаIэ:
- Шхуошх апщий!
+ Бов апщий!
- Бохъу апщий!
- Бощ апщий!
Задание {{306}} ТЗ 255 Тема 10-0-0
Мэкъу еуэ, гуэдз зых, нартыху къыдэзыкI бгъэдыхьамэ жаIэ:
+ Шхуошх апщий!
- Бов апщий!
- Бохъу апщий!
- Бощ апщий!
Задание {{307}} ТЗ 256 Тема 10-0-0
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу, е Iэщ щаIыгъ уэтэру щытмэ жаIэ:
- Шхуошх апщий!
- Бов апщий!
+ Бохъу апщий!
- Бощ апщий!
Задание {{308}} ТЗ 257 Тема 10-0-0
Зыгуэр ищэу ирихьэлIамэ жраIэ:
- Хъер пхухъу!
- ФIыкIэ улажьэ!
- Угъурлы тхьэм пхуищ!
+ УасафIэ тхьэм пхуищI!
Задание {{309}} ТЗ 258 Тема 10-0-0
Сату зэдэзыщIа тIур зохъуэхъуж:
+ Хъер пхухъу!
- ФIыкIэ улажьэ!
- Угъурлы тхьэм пхуищ!
- УасафIэ тхьэм пхуищI!
Задание {{310}} ТЗ 259 Тема 10-0-0
Сымэджауэ къэтэджыжьам жраIэ:
- Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
- ФIэхъусыж!
+ Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
- Щхьэузыхь пхухъу!
Задание {{311}} ТЗ 260 Тема 10-0-0
Гъуэгу тетар къэсыжамэ, жаIэ:
- Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
+ ФIэхъусыж!
- Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
- Щхьэузыхь пхухъу!
Задание {{312}} ТЗ 261 Тема 10-0-0
Удын игъуэтауэ, е и къупщхьэ къутауэ, е уIэгъэ хъуауэ щIэупщIакIуэ хуэкIэуэмэ жаIэ:
+ Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
- ФIэхъусыж!
- Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
- Щхьэузыхь пхухъу!
Задание {{313}} ТЗ 262 Тема 10-0-0
Зи жэм, вы, шы лIам жраIэ:
- Фэбжь хъуами, тхьэм лажьэ имыщIкIэ!
- ФIэхъусыж!
- Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!
+ Щхьэузыхь пхухъу!
Задание {{314}} ТЗ 263 Тема 10-0-0
ХъыбарыфIкIэ е IуэхугъуэфI гуэркIэ ягъэгуфIар мэхъуахъуэ:
- ГуфIэгъуэ кIыхь тхьэм фхуищI!
+ ГуфIэгъуэ куэд тхьэм къуит!
- ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
- Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
Задание {{315}} ТЗ 264 Тема 10-0-0
Нысэ къэзыша унагъуэм йохъуэхъу:
+ ГуфIэгъуэ кIыхь тхьэм фхуищI!
- ГуфIэгъуэ куэд тхьэм къуит!
- ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
- Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
Задание {{316}} ТЗ 265 Тема 10-0-0
Зи псэлъэгъу и псалъэ зэпызыудам жеIэ:
- Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу!
- Си Iэр фIыкIэ ныIусэ!
- ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
+ Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
Задание {{317}} ТЗ 266 Тема 10-0-0
Зи псэлъэгъум зи Iэр жьэхэуа цIыху гъэсам жеIэ:
- Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу!
+ Си Iэр фIыкIэ ныIусэ!
- ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыпхуищIэ!
- Уи псалъэ фIыкIэ уIыгъ!
Задание {{318}} ТЗ 267 Тема 10-0-0
Шхэуэ щысым, щысхэм щабгъэдыхьэкIэ жаIэ:
- Фи ерыскъы убахъуэ!
- Фи хьэлэлщ!
+ Щэрэ лырэ фхухъу!
- Жэнэт шхын хуищ!
Задание {{319}} ТЗ 268 Тема 10-0-0
Ягъэшхар мэхъуахъуэ:
+ Фи ерыскъы убахъуэ!
- Фи хьэлэлщ!
- Щэрэ лырэ фхухъу!
- Жэнэт шхын хуищ!
Задание {{320}} ТЗ 269 Тема 10-0-0
ЛIа гуэрым папщIэ ят, псэм щхьэщатыкIым хуэдэ гуэрхэр зыхуахьам жаIэр:
- Фи ерыскъы убахъуэ!
- Фи хьэлэлщ!
- Щэрэ лырэ фхухъу!
+ Жэнэт шхын хуищ!
Задание {{321}} ТЗ 270 Тема 10-0-0
Фадафэ гуп яхыхьамэ жаIэ:
- Упсэу апщий!
+ Гуп махуэ апщий!
- ФIэхъус апщий!
- Уэршэр фIохъу апщий!
Задание {{322}} ТЗ 271 Тема 10-0-0
Зыгуэр зыфIэкIуэдам жраIэ:
+ Уи насып тхьэм химыхкIэ!
- Пхуэщын тхьэм къуитыж!
- И хъер тхьэм уигъэлъагъу!
- Уи щхьэузыхьщ!
Задание {{323}} ТЗ 272 Тема 10-0-0
Зэманыр пщыхьэщхьэу зэхуэзамэ жаIэрт:
- Уи махуэ фIыуэ!
+ Уи пщыхьэщхьэ фIыуэ!
- Пщыжьэщхьэф1 тхьэм къуит!
- Уи пщыхьэщхьэ фIы ухъуI!
Задание {{324}} ТЗ 273 Тема 10-0-0
Зэманыр махуэу зэхуэзамэ жаIэрт:
+ Уи махуэ фIыуэ!
- Уи махуэ фIы ухъу!
- МахуэфI тхьэм къуит!
- МахуэфI апщий!
Задание {{325}} ТЗ 274 Тема 10-0-0
шууит1 гъуэгум щызэблэк1мэ сэлам зэрахырт:
+ «гъуэгужь, апщий!»;
- «бов, апщий!»;
- «уи махуэ ф1ыуэ!»;
- «гъуэгу махуэ!».
Раздел: Лъэпкъым и календарь
Задание {{428}} ТЗ 275 Тема 11-0-0
Илъэс къэс къыдидзэ махуэ зытхухыр адыгэхэм яIащ
- лэжьэгъуэу
- шхэгъуэу
- уэршэрыгъуэу
+ тхьэлъэIу махуэхэу
Задание {{429}} ТЗ 276 Тема 11-0-0
Пасэ зэманым адыгэхэм илъэсыр ягуэшу щытащ
- бжьыхьэрэ гъатхэу
+ гъэрэ щIыуэ
- гъатхэрэ щIымахуэу
- гъэмахуэрэ бжьыхьэу
Задание {{430}} ТЗ 277 Тема 11-0-0
Пасэ зэманым адыгэхэм илъэсыр ягуэшу щытащ
- Iыхьищу
- Iыхитхуу
+ IыхитIу
- зы Iыхьэу
Задание {{431}} ТЗ 278 Тема 11-0-0
Илъэсыр IыхьилIу ягуэш зэрыхъуар адыгэхэм ирапхат
+ Вагъуэбэм
- Вагъуэижым
- Вагъуэплъым
- Вагъуэзэшиблым
Задание {{432}} ТЗ 279 Тема 11-0-0
Адыгэхэм я илъэсыр хъурт мазэу
- 10
- 11
+ 12
- 14
Задание {{433}} ТЗ 280 Тема 11-0-0
Мазэхэр адыгэхэм ягуэшырт махуэ
- 31
- 29
- 28
+ 30
Задание {{434}} ТЗ 281 Тема 11-0-0
Адыгэхэм Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ ялъытэрт
+ гъатхэм
- гъэмахуэм
- щIымахуэм
- бжьыхьэм
Задание {{435}} ТЗ 282 Тема 11-0-0
Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ щIидзэрт
- гъатхэм
+ гъэмахуэм
- щIымахуэм
- бжьыхьэм
Задание {{436}} ТЗ 283 Тема 11-0-0
Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ къэсат
- гъатхэр
- гъэмахуэр
- щIымахуэр
+ бжьыхьэр
Задание {{437}} ТЗ 284 Тема 11-0-0
Вагъуэбэр щIым хыхьэжмэ къихьат
- гъатхэр
- гъэмахуэр
+ щIымахуэр
- бжьыхьэр
Задание {{438}} ТЗ 285 Тема 11-0-0
Гъэм и зэманым ехьэлIауэ адыгэхэм къагъэсэбэп «шылэ» псалъэр къыхэкIащ
- хьэрыпыбзэм
+ персыбзэм
- урысыбзэм
- тыркубзэм
Задание {{439}} ТЗ 286 Тема 11-0-0
«шылэ» псалъэм къокI
- 30
+ 40
- 35
- 29
Задание {{440}} ТЗ 287 Тема 11-0-0
Шылэр екIуэкIырт махуэ
- 30
- 35
- 29
+ 40
Задание {{441}} ТЗ 288 Тема 11-0-0
Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыу адыгэхэм я илъэсыщIэр къыщихьэ мазэщ
- накъыгъэ
- щIышылэ
- мазае
- мэлыжьыхь
+ гъатхэпэ